Нобэ, мэлыжьыхьым и 25-м, Адыгэ ныпым и махуэм, ди еджап1эм щек1уэк1ащ тхылъаджэ ныбжьыщ1эхэм я зэхуэс. Еджак1уэхэм зэпкърахащ К1ыщокъуэ Алим и "Лъапсэ", Шинкубэ Бэгърат и "Жылак1э" романхэм Урыс-Кавказ зауэм кърик1уа Истамбылак1уэр къызэрыщыгъэлъэгъуар. Зэ1ущ1эм кърихьэл1ахэщ: Табыщ Мурат - Министерствэм адыгэбзэ секторым и унафэщ1, "Адыгэ псалъэ" газетым и лэжьак1уэ Хьэрэдурэ Аллэ, Бахъсэн районым щ1эныгъэ управленэм и унафэщ1 Абрэдж Тамарэ, Бахъсэн районым адыгэбзэмрэ литературэмк1э методист Нанэ Любэ.